- гъавэ
- I 1. хлеб; зерновые культуры/ Зи хьэдзэм ерыскъы къыхащIыкI къэкIыгъэ.Гъавэ бэв. Гъавэ щIапIэ. Гъавэр Iухыжын.* Гъавэ лъэпкъыгъуэхэм щыщу къэбэрдейхэм нэхъыбэу ящIэу щытар мэшщ. Н. Ш. Уэгъу гъавэр дыгъэрыжьэщи, уэлбанэ гъавэр дошэсей. (погов. ) ГъавэщIэ къыпIэрымыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ. (погов. )2. зерно/ Апхуэдэ къэкIыгъэхэм я хьэдзэ.* Зи вакъэ зэвымрэ зи гъавэ мащIэмрэ гузэвэгъуэ щыщIэркъым. (погов. )гъавэ къехьэлIэжьыгъуэ = гъавэ Iухыжыгъуэ.гъавэ щIапIэ поле, предназначенное для возделывания зерновых культур/ Гъавэ щагъэкI щIыпIэ; хьэсэ.Гъавэ щIапIэ псори яващ. ХъупIэмрэ гъавэ щIапIэмрэ зэпылъщ.гъавэ IыхыпIэ элеватор (зернохранилище)/ Нартыху, гуэдз. с. ху. зырашалIэ, зрат мэкъумэш IуэхущIапIэ.* АдэIуэкIэ щытщ гъавэ IыхыпIэр, вокзалыщIэр, IуэхущIапэ Iэджэ... Iуащхь.гъавэ Iухыжыгъуэ хлебоуборка, пора уборки урожая/ Гъавэ щыIуахыж зэман.Гъавэ Iухыжыгъуэ зэманыр къэсащ.II кубано-зеленчукские см. ху II.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.